Jump to content

Сэфар

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Ислъам махуэгъэпс

  1. Мухьэррам*
  2. Сэфар
  3. Рабий Ӏул-аууал
  4. Рабий Ӏус-сани
  5. Джумадэ Ӏул-Ӏула
  6. Джумадэ Ӏус-сани
  7. Рэджаб*
  8. ШэӀэбан
  9. Рэмэдан
  10. Шэууал
  11. Зул-къэда*
  12. Зул-хьэжрэт*



 * пэубыда мазэ

Сэфар (хьэр-бз. صفر) — муслъым махуэгъэпсым и етӀуанэ мазэ.

Сэфар цӀэр къыздикӀамкӀэ теоритӀ щыӀэщ. Япэ теориэмкӀэ, ар ṣufār («гъуэжь») псалъэм къытекӀауэ ягугъэ. Апхуэдэу ар щалъытэр, мазэхэм цӀэщӀэхэр щратым щыгъуэ, а мазэр тхьэмпэхэр гъуэжь щыхъу бжьыхьэ зэманым техуауэ щтауэ ябж.

ЕтӀуанэ теориэмкӀэ, ар sifr («нул, нэщӀ») псалъэм къытекӀауэ ягугъэ. Апхуэдэу ар щалъытэр, мухьэррам мазэ зауэншэм иуж, зауэхэр щыщӀидзэж щӀыпӀэхэм унэ щыӀэхэм цӀыху щӀэсхэр зэуэ щӀэӀэпхъукӀыжу щытти, апхуэдэу унэхэр нэщӀ зэрыхъужхэм щхьа апхуэдэу мазэми фӀащауэ ябж.

Ижь лъандэрэ муслъым куэдым сэфар мазэр, мазэ Ӏейуэ ябж. Нэхъыщхьэу япэ махуэ 13-м, къомыхъулӀэу, гъэгу утеувэ мыхъуну, нэчыхь птхы мыхъуну ябжт. Ауэ Мухьмэд Бехъымбар (с.а.у.) лъапӀэм зэрыжиӀамкӀэ, махуэ гуэр ерэ махуэ бжыгъэ зэман гуэр хэхауэ Ӏейуэ щыту зэрыщымыӀэр. Ауэ иджыри къыздэс хьэрып цӀыху куэдым къахуинауэ, мазэм и пэщӀэдзапӀэ махуэхэр Ӏейуэ ябж.

Ислъам махуэгъэпс Япэ махуэр Иуж махуэр
1431 ЩӀыщылэм и 16, 2010 гъэ Мэзаем и 14, 2010 гъэ
1432 ЩӀыщылэм и 5, 2011 гъэ Мэзаем и 3, 2011 гъэ
1433 Дыгъэгъазэм и 26, 2011 гъэ ЩӀыщылэм и 23, 2012 гъэ
1434 Дыгъэгъазэм и 14, 2012 гъэ ЩӀыщылэм и 12, 2013 гъэ
1435 Дыгъэгъазэм и 4, 2013 гъэ ЩӀыщылэм и 1, 2014 гъэ
1436 ЩакӀуэгъуэм и 23, 2014 гъэ Дыгъэгъазэм и 22, 2014 гъэ
1437 ЩакӀуэгъуэм и 13, 2015 гъэ Дыгъэгъазэм и 11, 2015 гъэ
Сэфар мазэр 2010-2015 гъэхэм