ШэрыпӀхэр
ШэрыпӀхэр | ||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||
|
||||||||
Латин цӀэр | ||||||||
Mammalia | ||||||||
ХэкӀ къуэдзэхэмрэ инфрхэкӀхэмрэ | ||||||||
| ||||||||
|
Шэры́пӀхэр (лат-бз. Mammalia) — джабэрыӀэ псэушъхьэ классым ящыщхэ, гулъытэгъу адрей псэушъхьэхэм зэрамыхьчхэр зэрылъхуэмрэ (прототериэхэм лат-бз. Prototheria щымыхъукӀэ) я быныр шэкӀэ зарыпӀымрэ. Дунейпсом къызэралъытэмкӀэ шэрыпӀ лӀэужьыгъу тетыр 5000 къыщыкӀэдзауэ 5400 нэсу ходиз.
Классификациэ гуэрэхэм шэрыпӀхэмрэ териэхэмрэ (лат-бз. Theria) зыуэ къалъытэ, адрейхэм териэхэр хуиту къыхагъэкӀхэ шэрыпӀ классым, прототериэхэм пагъэувху.
ШэрыпӀхэм я къэлъытэгъуэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Зэрылъхуэмрэ шэкӀэ я быныр зэрапӀымрэ щымыхъукӀэ шэрыпӀхэм иджыри гулъытыгъуэ бжыгъэ яхэлъхэ. А гулъытыгъуэхэм ящыщ пэмыкӀ джабэрыӀэ гуп гуэрэхэми яхэлъ, гулъытыгъуэ гуэрэхэр згуэрэм хэмылъынкӀи хъун, ауэ зэрыз гулъытыгъуэхэр зыми емыхьчу щытхэ, абыхэм ящыщхэр:
- Цы зэратетыр, пӀщӀэнтӀэпӀэ зэраӀэхэр.
- ЩхьэкумцӀым и зэфӀэтыкӀэр.
- Къумщхьищ зэрхэлъыр — тхьэкӀумэ курытым, тхьэкӀумэгъуанэм, езы тхьэкӀумэм джоуэ.
- Къумщхьибл джабэм и пщэлъэныкъуэм хэт
- Лъыхуабу щытхэ
- Гур щхьиплӀу щыт. Аортэм и гъэч сэмэгу иӀэ.
- Тхьэмбылхэр алвеолу зэфӀэтхэ.
- Дзэхэр жэбгъукъумщхьэм игъунауэ исхэ; этеродонтиэ яӀэ.
- Эретроцитхэр кугъуэншэ.
Ӏэплъэпкъыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къумщхьэпкъыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Шэрыпхэм я джабэр тхууэ зэхокӀыр — пщэ лъэныкъуэ, бгъэ лъэныкъуэ, бгы, тхыцӀэ, кӀапэ джоуэ. Джейхэм къуэдейхэм тхыцӀэ лъэныкъуэ яӀэкъым. Пщэ лъэныкъуэр нэхъыбэм джабэкъумщиблу зэфӀэт. Бгъэм 10-24 хуэдиз, бгым 2 щыкӀэдзауэ 9 нэсыфыну, тхыцӀэм 1-9 нэс. КӀапэ къуэдем ину я бжыгъэр зэщхьэщыкӀыу здэщытыр - 4 щыкӀэдзауэ (нумин гуэрэхэмрэ цӀыхухэмрэ) 46 нэгъунэ.
Дзажьэ къумщхьэжъхэр бгъэ лъэныкъуэм и къумшъхьэ къуэдейхэм яфӀэтхэ, гупэмкӀэ бгъэ къумшъхьэмкӀэ зэрыубыдауэ щытхэ.
ШэрыпӀхэм я Ӏэпкъхэр зекӀуэным, ерсыным, лъэтэным, убыдыным шъхьэкӀэ къагъэсэбэпыр. Дамэкъумшъхьэр кӀэщӀу щыт. Ӏэр - Ӏэпшъэ, Ӏэгу, Ӏэхъуамбэхэр джоуэ зэфӀэт. Ӏэпшъэр къумщъхьиблу зэфӀэт, тӀууэ зэкӀэлъыкӀуэху. Ӏэгум и къумшъхьэхэм я бжыгъэр Ӏэхъуамбэхэм я бжыгъэм тохуэ, тхум фӀэкӀкъым. Ӏэхъуамбэшхуэр къумшъхьитӀу щыт, адрейхэр щыуэ зэфӀэтхэ. Джейхэм я къумшъхьэбжыгъэр нэхъыбу щыт.
Лъэпкъ лъэныкъуэм шэрыпӀхэм я нэхъыбэм шхужъ къумшъхьэр нэхъ кӀэкӀыу щыт лъэм нэхърэ.
Жьычэныр зэрзэфӀэт
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ШэрыпӀхэм я жышэн зэфӀэтыкӀэр къурмэкъейрэ тхьэмбылхэмрэ джоуэ зэхэтхэ. Тхьэмбылхэр адрейхэм яхэм зэремыхьчу щытыр я бронхэхэр ину зэкӀэкӀауэ зэрщытхэр, нэхъ пакӀэдыду щытхэр абыхэм бронхилхэра. Абыхэм я кӀапэхэм пӀакӀэ чэмбырхэр хэт - алвеолэхэр, капилархэр бжыгъу ятету. Диафрагмэр нэхъ къыхэщ гулъытэгъу щыт шэрыпӀхэм я Ӏэплъэпкъым, жышэным пӀэшхуэ иӀыгъу.
Лъырыжыгъэ зэфӀэтыкӀэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ШэрыпӀхэм я гур шъхьиплӀу щыт. Сэмэгурабгъурэ ижьырабгъу ныбалъитӀ иӀу, абыхэм пэмыкӀыу сэмырабгъу, ижьырабгъу гупэщылъитӀ. Гушъхьэхэр, лъырыжэхэр гум и валвиэхэмкӀэ зэпхауэ щытхэ. Гум кӀыфэм хелъхьэр оксигенрэ хуэныкъуэ псымхэмрэ, зэрӀыгъыным пылъу. Артериэхэм я гъунэхэр быду щыт, жьейхэм кӀуцӀ валвиэхэр яӀэ. ШэрыпӀхэм зы сэмэгу гъэч аортэм еуэ яӀэ.
Шхалъэ зэфӀэтыкӀэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ШэрыпӀхэм я шхалъэ зэфӀэтыкӀэр шхалъэ кӀэтӀи тракту щыт - щӀэпс, жэм щыкӀидзу анусым нэсыр. Шхалъэ зэфӀэтыкӀэм хэтхэр: жэ, Ӏупс гландхэр, къурмакъеир, шхалъэр, кӀэтӀир анусыр джоуэ.
ШэрыпӀхэм я нэхъыбэм дзэ яӀут (джей гуэрэхэм, щындырхъуэхэм, хъумпӀэцӀэджышхэм щымыхъукӀэ). Дзэхэр жэгъукъумщхьэм, угъуэнауэ хэтхэ. Дзэхэр плъыуэ зэщхьэщокӀхэ: пэрытхэр, джанхэр, лъыжьхэр, лъэбжьэгъухэр джоуэ.
Ӏусыр жэм ихьа нэуж, дзэкӀэ "мэхьэдж". Яужым Ӏупс хохуэ, Ӏупс гландхэм къахэкӀым. Абым нэхъ кӀэх ешъыр и егъэнтӀрэхынымрэ, тэмакъым ехынымрэ. Ӏупс гландхэр фӀыуэ зэфӀэту щытыр былымхэм. Къапштэмэ жэмым зы жэшмахуэм Ӏупсу литрэ 60 хуэдиз къыхегъэкӀыр. Псэушъхьэ куэдхэм я Ӏупсыр антисептик шъхьэпэгъу щыт.
Тэмакъым пхырыкӀа яуж Ӏусыр шхалъэм йохьэ.
ШэрыпӀхэм я нэхъыбэм шхалъэр зышъхьу щыт. Ауэ былымхэм: жэмхэм, бжэнхэм, мэлхэм я шхалъэр шъхьэбжыгъу щыт.
КъызхэкӀахэмрэ классификациэмрэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Эволуциэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Япэрей джабэрыӀэ шӀым щыпсо хъуахэр амниотхэрат. тхьэмбыл яӀу, лъапэ якӀэту. Амниотхэм я джэдыкӀэхэм кӀуэцӀ мембранэхэр яӀэ, якӀуэцӀым илъ шырым жьы ирагъэшэфу псыми къыхэнэху. ЗэрыхъуамкӀэ амниотхэм я джэдыкӀэхэр шӀыми къагъэнэфыну щытт, амфибиэхэм яхэр псым хэмылъу мыхъу.
Япэрей амниотхэр къыщежьа хъуныр Карбониферум зэманыгъуэм (лат-бз. Aevum Carboniferum). ШӀы зтехьэхэтэр нэкӀыу щытакъым, абыхэм нэхъ пасу псым къыхэкӀауэ пэмыкӀ псэушъхьэхэр щыпсот, хьэпӀацӀэхэмрэ пэмыкӀ джабэншэхэмрэ, къэкӀыгъэхэмрэ лъэхъцхэмрэ джоуэ. Илъэс милыуан зытӀущкӀэ гулъытыгъуэшхуитӀ къохъур амниотхэм ядежь, зэшъхьэщокӀхэ: синапсидхэр джоуэ, шэрыпӀхэр зыхэтхэр; сауропсидхэр джоуэ - щындырхъуэхэр, блэхэр, динозавырхэр, бзухэр.
|--Eothyridi |---------------------------------------------------Caseasauri--| | |--Caseidae | |------------------------------------------------Varanopseidae |--Eupelycosauria--| | |---------------------------------------------Ophiacodontidae |--| | |------------------------------------------Edaphosauridae |--| | |-----------------------Haptodus |--Sphenacodontia--| | |--------------------Palaeohatteria |--| | |-----------------Pantelosaurus |--| | |--------------Cutleria |--| |-----Sphenacodontoidea | / \ / \ Therapsida Sphenacodontidae | ----------------------------------------------------- / | | | \ Biarmosuchia Eotitanosuchia Dinocephalia Anomodontia Theriodontia | ------------------------------------------ / | \ Cynodontia Therocephalia Gorgonopsia | | |--- Diviniidae | |--- Procynosuchidae | |--- Galesauridae | |--- Thrinaxodontidae | |--- Cynognathidae | |--- gonfodontes | |--- Chiniquodontidae | |--- Probainognathidae | |--- Tritheledontidae (Ictidosauria) | |--- Mammalia
Классификациэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ШэрыпӀ псэушъхьэхэм класификациэ бжыгъэ яӀэ. Мыбдежым итхар абыхэм ящыщ зы къуэдейра. Абым, шэрыпӀхэм я классыр классхэкӀитӀу гуэша, инфраклассу хы, гуп бжыгъу.
КлассхэкӀ прототериэхэр:
- Инфракласс прототериэхэр
- † Инфрaкласс триконодонтхэр
- † Инфракласс алотериэхэр
- † Инфраккласс пантотериэхэр
КлассхэкӀ териэхэр:
- Инфракласс метатериэхэр
- Инфракласс Эутериэхэр иэ Пласенталиэхэр
ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Ипщъэ Америкэм къыкӀаха шэрыпӀхэм я систематикэр (эсп.)
- Палеоцент лъэхъэнэм и шэрыпӀхэр, ятеухуахуэ сайт (эсп.)
- ШэрыпӀхэм я эволуциэ, япэрей зэманыгъуэм теухуауэ (эсп.)
- Дунейпсом тет шэрыпӀхэм я лӀыужъыгъуэхэр (индж.)
- Интернет-библиотекэ шэрыпӀхэм я теухуа тхылъхэм (урыс.)
- ШэрыпӀхэр - бэгъу я тепсэлъыхьыгъуэ (урыс.)
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ биологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |